-
1 бзий
I 1. луч солнца/ Дыгъэм и нур.* Дыгъэ къухьэжым и бзий кIыхьхэр налкъуту Iуащхьэмахуэ тоджагуэ. Ш. А.2. языки пламени/ МафIэ тхьэмпэ.МафIэ бзий.* И щхьэфIэпхыкI плъыжьым хуэдэу, Нафисэт и нэкIущхьитIыр дыхьэрэн бзийкIэ къызэщIэнауэ, ар зыхэта гупым къахэкIуэтащ. КI. Т.II 1. узкий длинный лист (напр. кукурузы)/ Нартыхум, къамылым къатекIэ тхьэмпэ бгъузэ кIыхь.* Нартыху цIыкIухэр лъэдий гъумхэу я бзий щхъуантIэр мэIущащэ. Къэб. п. и ант.2. переносное кукурузный стебель без початка/ Нартыху зыдэмыт жэпкъ.Бзий къэхын. Бзийр жэмым егъэшхын. -
2 мафIэ
1. огонь/ Зыгуэр зыс лыгъей.МафIэ гуащIэ. МафIэр ужьыхыжын.* МафIэ щIынкIэ Iэзэр унагъуэ зэгъэзэгъщ. (погов.)2. переносное горячий, пылкий (о человеке, лошади)/ Хъыжьэ, пхъашэ.* - Мыр сыту шу мафIэ! - жаIэу цIыхухэр мэкIий. Нарт.Банэ мафIэр къыIурихын = мафIэр къыIурихын.Жыхьэнмэ мафIэ см. жыхьэнмэ.Жьэ мафIэ см. жьэ.МафIэ едзын ввергнуть кого-л. в неприятность, тревогу.МафIэ ещIылIэн = мафIэ едзын.МафIэ зэхэкIыжын погаснуть ( об огне).МафIэ зэщIэгъэнауэ = мафIэ зэщIэнауэ.МафIэ (зэ)щIэгъэстын обострять что-л., подливать масло в огонь.* Абы {пщащэм} мафIэр щIигъэст зэпытурэ укъришэкIынщ. КI. Т.МафIэ зэщIэнауэ энергично. МафIэ зэщIэнауэ мэлажьэ.МафIэ ищIэн затопить печь, развести огонь в печи.МафIэ къридзын 1) схватить лихорадку. 2) см. мафIэ едзын.МафIэ къыщIэнэн 1) гореть( от высокой температуры)2)черезмерно суетиться.МафIэ лыгъейуэ (гуащIэн) быть не в меру пылким, горячим.* Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр мафIэ лыгъейуэ гуащIэт. фольк.МафIэ щIэгъэуэн слегка опалить, обжечь что-л.МафIэ щIэдзэн = мафIэ едзын.* - Хъунщ иджы, КIуринэ, - жиIащ абы. - Уэ си гум мафIэ щIэбдзащ. Iуащхь.МафIэ щIэщIэн = мафIэ едзын.МафIэ щIын развести огонь, костёр.МафIэ яшха хуэдэ с отчаянностью обреченных (букв. словно съели огонь).* ЛIыжьым жиIэр дауи, нэхъ пэжт, абрэдж къомыр мафIэ яшха хуэдэ, къэубыдыгъуейт, псэууэ зыми зыкъыуигъэубыдынутэкъым. КI. А.МафIэм зегъэун греться у огня.* Дон лIыжь цIыкIум дакъэжь мафIэм зригъэут. фольк.МафIэм ису как в огне.* ЛIыжьхэм ядэкIуэта иужькIэ езы Шэджэмокъуэм къигъэзэжащ, нэхъри къызыщIэплъарэ мафIэм ису. Т. Хь.МафIэм исын пропасть, пойти прахом.МафIэм къуацэкIэ хэуэн раздувать ссору.МафIэм хэдзэн = мафIэ едзын.МафIэм хэхуэн попасть в переплёт.МафIэм хисхьэн = мафIэм исын.МафIэр къыIурихын метать искры.* Сыту пIэрэ зыхуейр жысIэри сабгъэдыхьащ, сабгъэдыхьэмэ, - председателым, кIуэаракъэ, мафIэр къыIурех. Iуащхь.МафIэр нэм къыщIихын гореть ненавистью ( о глазах).* Бэрокъуэ Адэлбий къэгубжьауэ и нэм мафIэр къыщIихырт. Т. Хь.МафIэхьэ укъэкIуа? за огнём что ли пришел? (говорят человеку, который сильно спешит).И шыкIэ мафIэ егъэуауэ см. шыкIэ.мафIэ бзий пламя/ Пкъыгъуэр щискIэ къыхиху, нуру блэр.МафIэ бзийр пэ гъуанитIым кърихын (кърихун) с огнедышащими ноздрями ( о сказочном персонаже).* {Джэмыдэжьым} и пэ гъуанитIым къриху мафIэ бзийм гъуэгу напщIэхэр илыгъуэрт. Нарт. -
3 зегъэлыгъуэн
(зрегъэлыгъуэ) перех. гл. дать кому-чему-л. опалить себя/ Уи щыгъын е уи щIыфэ зыгуэрым егъэлыцIын, егъэлыпщIын; мафIэ бзий зэгъэпхъуэн.СымыщIэу мафIэ бзий къыдэуеям зезгъэлыгъуащ. -
4 къызэщIэлыдэн
(къызэщIолыдэ) неперех. гл. 1. вспыхнуть, воспламениться ( об огне)/ Ину къызэщIэнэн, мафIэ бзий ищIу.* МафIэр ункIыфI хуэдэу къэхъури итIанэ зэуэ псори къигъэнэхуу къызэщIэлыдащ, мафIэ бзийхэр лъатэу. Анэд.2. зажечься, засветиться одновременно/ КъызэщIэблэн (уэздыгъэхэр). Уэздыгъэхэр къызэщIэлыдащ.3. переносное загореться, зажечься/ КъызэщIэблэн, къэцIуун.* Абы {Залинэ} и нэкIур къэгуфIащ, нэ нащхъуэхэри нэхуу къызэщIэлыдащ. Iуащхь. -
5 кърихун
(къреху) неперех. гл. идти откуда-л. (о дыме, паре и т. п.)/ ЗыщIыпIэ къикIын - бахъэ, Iугъуэ с. ху.Пэм мафIэ бзий кърихун см. пэ. -
6 къыдэуеин
(къыдоуей) неперех. гл. 1. ударить снизу вверх ( сюда)/ И лъабжьэмкIэ къиукIыу ищхьэкIэ щыIэм къеуэн, удын едзын.Шыр кIэбдз лъакъуитIымкIэ къыдэуейрт.2. стрелять снизу вверх ( сюда)/ И лъабжьэмкIэ къиукIыу ищхьэкIэ щыIэм фоч, топ сыт хуэдэкIэ къеуэн.Къуэм дэт абрэджхэр къыдэуейрт.3. переносное вспыхнуть ( об огне)/ Ин къэхъун, къыдэлыдеин, къызэщIэрыуэн (мафIэр).* МафIэ бзий тхьэмпэ нэжэгужэхэм.. зызэрашэкIыурэ къыдэуейрт, хъуаскIэхэр драпхъейуэ. Къэб.4. см. къыдэуеижын 1.* Ар зэ къыдэуейри псым щIилъэфэжащ. фольк.5. переносное налаживаться, улучшаться/ Iуэхур, лэжьыгъэр зэфIыхьэурэ зыкъиIэтын.* Районыр зи къыдэмыуейуэ зы гъэм зы гъэр кIэлъыкIуэрт. Къ. Хь.* Алъэндэрэ Балъкъ ещхьащ ди гъэшыр:гъэмахуэм къыдэуейрт, щIымахуэм еухыжырт. Iуащхь. -
7 махэ
1. непрочный/ Быдагъэ зыхэмылъ, къутэгъуафIэ.ЩэкI махэ.2. слабый (об огне, свете)/ Къарууншэ.МафIэ бзий махэ.3. переносное слабый, хилый ( о здоровье)/ Узылэ, гуащIаджэ, къарууншэ.* Дамыжьыкъуэ жьыи, махи хъуати, зыхуэмыIыгъыжу нэпсыр къыфIыпыткIуащ. Т. Хь.Гу махэ см. гу II. -
8 пэ
1. нос/ Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэу зэрыпамэу икIи зэрыбауэу цIыхум и напэм, нэгъуэщI псэущхьэхэми я нэкIум хэтыр.Пэ кIыхь.2. клюв/ Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.Къазыпэ. Бзуупэ.* Уащхуэм еджэу джэдыр кIуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеIу. Б. Ф.3. передняя носовая часть чего-л./ Зыгуэрым и къыщIэдзапIэ Iыхьэ.Кхъуафэжьейм и пэ.* Нил щхьэ фэкъур пэкIэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КIу. Б.4. кончик, острие/ КIапэ, папцIапIэ.* БжэIупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитIащ, зыдэкIуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу. Къэб. фольк.5. в знач. предлога с род. пад. впереди кого-чего-л./ Зыгуэрыр уи ужьу, уи кIэ иту.И пэ илъэдэн. И пэ иту кIуэн.6. начало чего-л./ КъегъэжьапIэ, къыщIэдзапIэ.* И пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым. (погов.) Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кIэр хъуанэу.. тхьэм имыщIкIэ. Нарт.И пэ лъы ивэжауэ балбес.* Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщIам гу лъыптэн? Iуащхь. ПэкIэ къешэкIын водить кого-л. за нос.* - Сэ пэкIэ сыкъевмышэкIыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеIэ Тыкъыр. Щ. Т. ПэкIэ псы ефэн быть глупцом (букв. пить носом воду).* Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкIэ псы ефэркъым. КI. А. ПэкIэ {пэнцIывкIэ} щIегъэфэн (щIегъэсэн, щIегъэхуэн) = пэкIэ щIыр егъэвэн. ПэкIэ щIыр егъэвэн заставить кого-л. пропахать землю носом.* Щыгъэт, Астемыр, пэкIэ щIыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыIуэщ. Iуащхь. И пэм изэрыхьын случайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке). Пэм ипкуэным хуэдэу щабэ необычно мягкий. И пэм кърихун исходить от кого-л. (напр. о слухе).* Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ. КI. Т. {И} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын = и пэм изэрыхьын. {И} пэм лъы къихун разбить кому-л. нос до крови. Пэм мафIэ бзий кърихун метать искры. Пэр дэгъэзеин задирать нос. Пэр дэкъеин = пэр дэгъэзеин. Пэр дэлъэфеин 1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид. Пэр зэкIуэцIынэн заложить - о носе. И пэр иджыри хуэлъэщIыжыркъым нос не дорос. Пэр икъэн = пэр дэгъэзеин. И пэр имылъагъужыху (ефэн) напиться до положения риз. Пэр кудэн ударять в нос (о резком, неприятном запахе). Пэр къижын течь - о соплях. Пэр къилъэфын сморкаться. И пэр къыпыхун повесить нос.* КъыщIыхьар кIуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стIол кIапэм деж тIысащ, фIэхъуси сэлами щымыIэу. Къ. Хь. Си пэр позгъэупщIынщ клянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если..).* {Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщIынщ. Iуащхь. Пэр хэIун совать ( свой) нос куда-л. И пэр хуэлъэщIын утереть нос кому-л.* Абы и пэр хуэлъэщIын хуейщ, армыхъумэ тIэкIу зыкъыфIэщIыж хъуащ. Къэб. И пэр щIивэн споткнуться; потерпеть неудачу.* Хэт и фIэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щIивэну. КI. А. Пэр щIым хущыхуэн показать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю).* ПхуэзгъэпцIащ, а уи пэр щIым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыIуэхуми уи бэлагъ хыумыIу. Iуащхь. {И} пэр щIым щыхъуэн = пэр щIым хущыхуэн.пэ вей засохшие сопли/ Пэшын Iув, пэшын гъуа.пэ гъуанэ ноздри/ Пэм иIэ гъуанэ щыбауэкIэ жьы эрыкIуэр.пэ кIуэцI внутренность, полость носа/ Пэм и кум щыIэхэр, и кIуэцIым итхэр.Пэ кIуэцIыр къихун.пэ тIей курносый/ И щхьэмкIэ худэкъея пэ, пэтIинэ.пэ Iушэ кривоносый/ Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкIэ ешэкIа. -
9 щыблэ
молния/ Хьэуам, пшэхэм хэт электричествэр зэлъэIэсу мафIэ бзий псыгъуэ кIыхь зэфIэщIыкIа къыдидзу, къызэщIэчэу уэныгъэ.* Щыблэр зэуэм гъунэгъу доуIэбжь. (погов.) Уафэр щыблэм иудыныщIэу уэшхыр къощэщэх. КIу. Б. -
10 жьэражьэ
жаркий, раскаленный, пылающий/ Хуабжьу пщтыр мафIэ къызыщхьэщих.* Дыгъэ жьэражьэм и бзий губжьахэм щIыфэр ялыгъуэурэ дыкъакIуэрт. Къэб. ГъущI жьэражьэр Лъэпщ къиубыдри иухуэщ, зыхуей псори гъущI жыIэщIэм къыхищIыкIщ. Нарт. -
11 лыгъуэн
а) (елыгъуэ) перех. гл. опалить, обжечь кого-что-л./ Зыгуэрым и щIыIур зыгуэрым трисыкIын, илыпщIын. (мафIэм, дыгъэ бзий гуащIэм).* Щхьэцыр мафIэ бзийм илыгъуэн. А лIы къамылыфэр сыт щыгъуи дыгъэм ижьауэ, и напэр жьыбгъэм илыгъуауэ плъагъунщ. Щ. Ам.б) (мэлыгъуэ) неперех. гл. опалиться, обжечься/ Зыгуэрым и щIыIур зыгуэрым (мафIэм, дыгъэм, жьым) илыпщIауэ, илыкхъуауэ, трисыкIауэ щытын.* Щхьэлъакъуэр тэмэму лыгъуащ, лъэсауэ гъэвэн хуейщ. фольк.